Рет қаралды 10,248
Си анэбзэ, си адыгэбзэ ;
Исполнитель: Хусен Маремуков;
Музыка: Хасан Карданов,
Слова: Нелли Лукожева и Борис Гедгафов .
Текст песни:
Макък1э жи1эр - Лыкъуэжь Нелли итхащ:
Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ,
КIэлъылъати къэпхъуэтэж.
Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ,
КъэтIи мащэ итIысхьэж.
Псальэхэр - Джэдгъэф Борис, макъамэр -Къардэн Хьэсэн
Ежьу:
КъэтIысыт сибгъукIэ, си анэ дыщэ,
Гущэкъу уэрэдкIэ къызэIущащэ.1
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.
Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,
Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ.
Бзум я бзэ дахэр сфIощI си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.
Ежьу:
КъэтIысыт сибгъукIэ, си анэ дыщэ,
Гущэкъу уэрэдкIэ къызэIущащэ.
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.
Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым,
Ныдэуэршэру псынэр мэушэ.
Псынэ Iущащэр сфIощI си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.
Ежьу:
КъэтIысыт сибгъукIэ, си анэ дыщэ,
Гущэкъу уэрэдкIэ къызэIущащэ.
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.
Гъатхэ накъыгъэм щIыр игъэпсалъэу,
Iурхэр бэвыгъэу къызэрылъалъэм.
ЩIылъэм Iурылъыр сфIощI си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.
Ежьу:
КъэтIысыт сибгъукIэ, си анэ дыщэ,
Гущэкъу уэрэдкIэ къызэIущащэ.
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.
Сэ псэуэ сиIэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.