Рет қаралды 27,931
Lyrics:
Щӏым и даущыр ӏущащэурэ мэзэгъэж,
Уэ сыпӏуплъамэ, гухэлъыр схуэмызэгъэж.
Пщащэ дахащэу си гущӏэм къедэхэщӏа,
Псэр зыхуэпӏащӏэу, гурыщӏэ щэху зыхуэсщӏа.
Укъызблэкӏамэ, ныпкӏэлъыплъыжу,
Псэр уи ӏуплъэгъуэм щӏохъуэпс,
Си гукъыдэжу узымыхъуэжым
Уэ гъащӏэ дыгъэу къыхуепс.
Гущӏэ макъамэр зэхомыхами,
Си гури, си псэри зей,
Быдэу зэгъащӏэ, гува щӏэхами
Си дахэ, сэращ узейр.
Сынодэхащӏэу жэщкӏэрэ пщӏыхьым ухэтщ,
Тхьэрыкъуэ пщэхуу махуэкӏэ нэгум ущӏэтщ.
Иджыри уэркӏэ гухэлъым зимыхъуэжа,
Си лъагъуныгъэм и гугъэр пхимыхыжа.
Укъызблэкӏамэ, ныпкӏэлъыплъыжу,
Псэр уи ӏуплъэгъуэм щӏохъуэпс,
Си гукъыдэжу узымыхъуэжым
Уэ гъащӏэ дыгъэу къыхуепс.
Гущӏэ макъамэр зэхомыхами,
Си гури, си псэри зей,
Быдэу зэгъащӏэ, гува щӏэхами
Си дахэ, сэращ узейр.
sites.google.c...